- зыблегъэхын
- (зыблырегъэх) перех. гл. 1. заставить, попросить кого-л. пронести себя мимо кого-чего-л./ Зебгъэхьурэ зыгуэрым и гъунэгъуу блэкIын.УIэгъэ хъуа сэлэтым идэртэкъым носилкэм тегъуэлъхьэн, ар санитархэм елъэIурт тIэкIу заIэжьэну и ныбжьэгъухэм дежкIэ зыблригъэхын, абыхэм зэ япсэлъэжын и мураду. Iуащхь.2. переносное пройтись, проехаться мимо кого-что-л. (с какой-л. целью)/ Мурад гуэр хуиIэу, ауэ пфIэмыIуэхуфэ зытебгъауэу зыгуэрым блэкIын.Шу гъусэ щIалэхэм зыпылъ ялъэгъуамэ, блэжырти аргуэру, зыгуэр къыщыгъупща хуэдэу, къагъэзэжырт, аргуэру жэрыгъэкIэ зыблрагъэхырт. КI. А. Сэ сызыдэкIуэнур щIалэ Iэпщэхущ, шы къарэ лъакъуэхукIэ зыблрегъэх. Сов. Къэб. ифольк.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.